Скачать книгу

къелъэ псышхуэм и макъ уардэу,

      Мэзкуу салютхэр зэхыдох,

      Дэ текIуэныгъэр ди гъуэгу мардэу

      Бийр щхьэхьу ди щIым дэ идоху.

      Ар жьым хэкIуасэу макъ гуфIэгъуэу

      Ди мэзхэм, губгъуэм щызэпхокI,

      Абы йодаIуэр ди анэр гугъэу,

      И щIалэр хъуэхъукIэ и гум къокI.

      Абы йодаIуэр ди адэр пагэу,

      И къамэр IитIкIэ иубыдауэ,

      Щхьэ тхъуар иIэту, бжьыфIэу, лъагэу,

      ГуфIэгъуэр нэкIум телыдауэ.

      ЙодэIу а макъым ди нысащIэр,

      ХуищIауэ IэплIэ и сабийм,

      «КъэкIуэжмэ» – жиIэу ар мэпIащIэ,

      Дэ докIуэ, докIуэ деуэу бийм.

      ПщIэнтIэпсрэ лъыпсрэ щIым и фадэу

      Щытау пшэ фIыцIэр щхьэщыдоху.

      Бгым къелъэ псышхуэм и макъ уардэу,

      Мэзкуу салютхэр зэхыдох.

      СЭЛЭТ ШЫРЫКЪУ

      Гъуэгу ткIум щытщI мафIэм пхисыкIауэ,

      И лъапщхьэм куэдрэ шэ техуащ,

      Ди хэку ар сщыгъыу сыкъикIауэ,

      Берлин нэсыхукIэ сыкъэкIуащ.

      Иджы и лъэгур ныщIэхуами,

      ИтIани щIэкIэ ар схъуэжын?

      Ар сщыгъыу бийхэм сатекIуащи,

      Сэ ар гуфIэгъуэм хуэсхьыжынщ.

      СхуащIынщ ныбжьэгъухэм джэгу, згъэзэжмэ,

      БжэIупэр къабзэу япхъэнкIау,

      Хуэм хъумэ, Iэгур къаублэжу,

      Къэфэнщ бащлыкъыр екъуэкIау.

      Абы шырыкъур сэ нэсхьэсмэ,

      Ар слъыгъыу сщIынущ ислъэмей,

      Сэлэт шырыкъум сфIэфIщ сэ лъысмэ,

      Япэ къэфэгъуэр мис абдей.

      СТАЛИНЫМ И УЭРЭД

      Ди Сталину лъапӀэм

      И псалъэр дгъэзащӀэу,

      Ди Сталину ди адэм

      И гъуэгуу щӀэращӀэм

      Дэ – псори народхэр —

      ДырокIуэр зэщӀыгъуу.

      ГуфӀэгъуэр мардэншэу

      Дэ Сталин къыдет,

      Гъэ куэдкӀэ узыншэу

      Вождь иныр щрет,

      ГуфӀэгъуэу инышхуэм

      Дыхуешэр ди вождым,

      Народхэм я гъащӀэм

      И дыгъэр щылыдым.

      Уэрэдым я макъым

      ДэфӀэтыт бэракъыр!

      ГуфӀэгъуэр мардэншэу

      Дэ Сталин къыдет,

      Гъэ куэдкӀэ узыншэу

      Вождь иныр щрет.

      Ди бийхэр къыздеӀэу

      КъыӀухьэм ди ныджэм,

      «ФынакӀуэ!» къыджиӀэу

      Дэ Сталин къыдэджэм

      Сыт щыгъуи датокӀуэ —

      Ди гъуэгум дрокӀуэ.

      ГуфӀэгъуэр мардэншэу

      Дэ Сталин къыдет,

      Гъэ куэдкӀэ узыншэу

      Вождь иныр щрет.

1939гъ.

      ШЫХУЛЪАГЪУЭ

      Совет Союзым и герой Къардэным хузотх

      Щыгъэ блэ Ӏэджэу уэгу щхъуантӀэм

      Вагъуэ щыкъуейхэр ипхъауэ,

      Шыхулъагъуэр кусэу пхырокӀыр,

      Къуаншэу кӀыфӀыгъэм хэтхъауэ.

      Хэт и шу пхъашэм и лъагъуэу,

      Шы кӀэбдзкӀэ уэгур итхъуа?

      ЩӀыгум дытетхэм дгъэщӀагъуэу,

      Хэт и лъэужьу ар хъуа?

      Дахэ гъэгуфӀэу шы пхъашэр

      Уэгум щызежэу фӀэфӀа?

      Ар щӀым техьэнӀкӀэ мэхъашэу

      Уэгум и лӀыгъэр щыфӀа?

      Дэнэ къикӀами е кӀуами

      Нэхуу и лъагъуэр къэнащ.

      Шум

Скачать книгу