Скачать книгу

классыр къызэриухыу и анэм къыщӏишыжат къуажэ еджапӏэм – зэрырагъаджэм хуэдизрэ колхоз губгъуэм щагъэлажьэрт еджакӏуэхэр. Зэгупсысаращ: аргуэру жэщхэсу яшэнущ, абдеж къэхъунур пщӏэркъым, къепхъуэнщи яхьынщ е тегушхуэгъуафӏэ къащӏынщи лей кърахынщ. Дысэ и пхъур унэм щӏиубыдэжат пцӏышхуэ иупсри: сымаджэщ, согъэхъуж, еджэфынукъым, лэжьэфынукъым… Апхуэдэу, колхоз бригадирыр зытримыгъэхьэурэ илъэситӏ дигъэкӏри, малъхъэ къигъуэтащ.

      Зэгуэрым Тэру Пагуэ Бахъэсэн йокӏри, Арщэбэ шыщэху макӏуэ, Арщэбэ йокӏри, къилъыхъуэр Къуэятӏэ къыщыщӏех. Шыуэ къыхуагъэлъэгъуам зы пцӏэгъуэплъ къахех, асыхьэту уанэ хутралъхьэ, мэшэсри къуажэ уэрамым дохьэ. «Зи уз кӏуэдын, си куэбжэпэм укъыщыс си дыщэ кӏанэр уи нэм щӏэзмыгъапсэмэ…», – Дысэ игу къэкӏар Улэ фӏэкӏ зыми ищӏэртэкъым.

      – Улэ, кӏуэи Нэхунэ шыгъу тӏэкӏу къысхуеӏыхыт… Хъыджэбзыр уэрамым зэрытехьэу шу блэкӏыр къеплъын хуейт, къеплъар – къехъуэпсэнут, къехъуэпсар – къыщӏэупщӏэнут. Лъыхъу къигъакӏуэмэ, Дысэ сыт щхьэкӏэ ӏуигъэкӏыжын? Ипхъу закъуэр Бахъэсэн нэс иригъэшэну фӏэжыжьэщ, ауэ Къэбэрдейм икӏыркъыми, абыкӏэ игу егъэфӏ. Езыр Къалмыкъым нэс кърашати, мис, къелащ… Лӏыр и пхъум нэхърэ фӏыуэ нэхъыжьми, къекӏущ, зыхэпсэукӏын иӏэщ, колхоз фермэм и унафэщӏщ. Фыз иӏами, бын щӏэсу иригъэкӏыжами, ар дагъуэ хуищӏыркъым.

      Шым тес лӏыр Улэ къицӏыхуащ сабэ зытелъ и шырыкъумкӏэ – и нэгу къыщӏыхьащ а шырыкъуитӏыр езым хуитхьэщӏу. Худэплъейрэ и нэгум иплъэмэ – арат, бын зыдигъуэтынурат… Шур хъыджэбзым кӏэлъыплъащ, зыдыхьэж пщӏантӏэр зригъэлъэгъуащ.

      Тхьэмахуэ дэмыкӏыу Пагуэ къытригъэзащ, зы мазэ дэкӏыжри, лъыхъу къигъэкӏуащ.

      Хьэблэм дэсхэм ящыщу Нэхунэ закъуэ къызыпхигъэӏукӏат фыз зиӏа епт нэхърэ, зэкӏэ дэсми нэхъыфӏщ, дахэ дыдэщ, зышэн иджыри къыкъуэкӏынщ, жиӏэри. «Зезышэни къыкъуэкӏынущ, адэншэ-дэлъхуншэр тегушхуэгъуафӏэщ», – фыз ӏэзэм ар игукӏэ жиӏэри, къахукъуэкӏа насыпыр блигъэкӏакъым, Улэ нэчыхь тӏэкӏур хурагъэтхэри, Пагуэ иратащ.

      Дарий шыгукӏэ яшащ Улэ. Дарийкӏэ къыщӏадзами, зэгъэзэхуэпауэ, ебзыхьэкӏауэ псэу унагъуэт зыхэхуар. Пагуэ лэжьакӏуэжьт, коммунистпартым хэтт, къэралыр къулей ищӏыну, гугъу зригъэхьу лажьэрт.

      «Апхуэдиз гъэшымрэ ӏусымрэ щыхэткӏэ, и унагъуэми зыгуэр къихьэсынщ. Къуэлӏыкӏынкъым абы Улэ… Жьы къыщӏэмыпщэу, псы къыщӏэмыуэу къуэпсэукӏынщ», – Дысэ хущӏегъуэжыртэкъым ищӏам. Ухущӏегъуэжи хъурэ: изэгъащ Улэ, быныншэщ жиӏэу лӏым къригъэкӏыжакъым, илъэс бжыгъэкӏэ пэплъауэ, хъыджэбз цӏыкӏу ягъуэтащ. Май мазэу дунейм къытехьати, Майе фӏащат, ауэ цӏэ лей фӏащын хуейуэ къылъыкъуэкӏащ. И нэ зэрыхъэм хуэзэу, и натӏэбгъу цӏыкӏум техьэу анэлышхуэ тетт сабийм.

      Менлы фӏэщын хуейуэ жызыӏар гъунэгъу фызт. Цӏэ лейр шэуэ къытехуащ Улэ, Майер фӏэзыщар езырат.

      – И напэм кӏуэнущ, Менлыкӏэ фемыджэмэ! Фыщӏегъуэжынщ! – анэмрэ анэшхуэмрэ я гур хурихри, гъунэгъу фызым кӏэбгъу зищӏыжащ. Улэ ар и япэ гухэщӏт – Майе и цӏэ лейри ӏэпапӏэу телъ фӏыцӏафӏэри.

Скачать книгу